Псыжъ
Псыжъ (абаз.: Къвбин, ал-бз.: Гипанис, къэр.-бэлъ-бз.: Къобан, урбз. Кубань) — псыхъуэ Урысейм, Къэукъаз Ишъхъэрэм идежь.
Псыжъ | |
---|---|
Псыжъ | |
КӀыхьагъыр: | 870 км |
Псыхъуэм и инагъыр: | 57 900 км² |
Хэкур: | Урысей |
ГВР: | 06020000112108000001090 |
Псыжъ Уикисурэтылъэм |
ИцӀэр
зэгъэзэхуэжынПсыжъ (Къвбин, Кубань, Къобан, Губан) 300 ящищ зыцӀэ, псым зэрихьам. Къэрал здежэххэр: Къэрэшей-Шэрджэс, Ставропол къэралым, Адыгейм, Краснодар къэралым. Хы мыутӀэм здыхэхьам идежь хы тӀыгу ин ешъыр зэгуэкӀыу 4300 км² хуэдизу.
Хэкумэтх
зэгъэзэхуэжынӀуашъхьэ Махуэ илъэгум ежэхын кӀедзэ Псыжъ. ИкӀыхьагъыр 906 км. мэхъу. Усть-Лабинск къалэм къыщыкӀэдзауэ псыхъуэм кхъухьхэр ирокӀуэ.
ИсэмырабгъумкӀэ хэлъадэ псыхэр:
Абыхэми нэхъ псы цӀыкӀу хэлъэдэхэми ядэкӀыгъу. ИжьэгъурабгъумкӀэ хэлъадэ псыхэр:
14 000 мэхъу псори зэхэту Псыжъ псыуэ хэлъадэр. ИлъэсишъэкӀэ Псыжъ зэркӀэлъыплъам, илъэсым псыуэ иригъэжэхыр, уэшхэпсымрэ уэсэпсымрэ къыхэкӀыр (65 %), къушъхьа мылхэм къахэкӀыр (20 %), псынэпсхэм къахэкӀыр (15 %) 13,5 км³ хуэдиз мэхъур.
Тхыдэ
зэгъэзэхуэжынИлъэс мин бжыгъэкӀэ узэӀабэкӀыжьмэ Псыжъ хым здыхэлъадэм идежь Хы МыутӀэ хыжъэ ин иӀа, Тэман хы тӀыгуныкъуэм къыщыкӀэдзауэ Приморскэ-Ахтарск нэсу Краснодар нэгъунэ хыхьау. Хом-хомурэ псыхъуэми хыми шӀыр зэрахъуэкӀыу, шӀыгу трихьу кӀидзэри хыжъэр хым хигъэкӀри хы тӀыгу хъуа.
Псэушъхьа
зэгъэзэхуэжынПсыжъ бжъэжъей бжыгъэ хэс 106 лъэпӀкъу. Абы пӀэмыкӀыу зоопланктону 400 лъэпӀкъ хуэдиз. Псыжъ, псым Ӏус бзухэм ящыщ бжъыгъи 100 лъэпӀкъ хуэдиз, абы пэмыкӀыу: бажьэ, мэз джэду, кхъуэ джоуэ ипсыӀуфэхэм щопсоу.
Мыр тхыгъэ нэмгъэсащ хэкумэтхымкӀэ. Проектым удэӀэпыкъуфынущ, бгъэтэрэзу нэхъыбэ иптхэм. Мы псалъашъхьэр зэфӀэкӀыгъуэфкӀэ нэхъ тэрэзымкӀэ зэхъукӀын хуэй. |