БажэкӀэ
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр
Лъэпкъышхуэ: КъэкӀыгъэхэр
Къудамэ: Magnoliophyta
ХэкӀ: Liliopsida
ХэкӀыгъуэ: Poales
Лъэпкъ: Хьэцэпэцэхэр
Лъэпкъыгъуэ: ХьэкӀэзэпххэр
ЛӀэужъыгъуэ: БажэкӀэ
Латин цӀэр
Pennisetum glaucum
Linnaeus


Систематикэ
УикилӀэужьыгъуэм


Сурэтхэр
Уикисурэтылъэм

ITIS 508150
NCBI 4543

БажэкӀэ (лат-бз. Pennisetum glaucum) — зы гъэкӀэ къэкӀ удз лӀэужьыгъуэщ.

Ипкъ занщӀэу дэкӀейм и лъэгагъыр см 40-60 мэхъу. И бзийхэр бгъузэ-кӀыхьщ. БажэкӀэм, лъэхъцым ещхьу, лъабжьэ псыгъуэ кӀыхь куэд ещӀ. Пкъыхэм я щхьэкӀэхэм, щхьэмыжым ещхьу зэхэт, цы гъуэплъыфэ зэпыт гъэгъахэр къапедзэ гъэмахуэм. ГъэмахуэкӀэм, бжыхьэпэм, хум ещхьу, бажэкӀэ жылэхэр мэхъу.

КъыздэкӀыр

зэгъэзэхуэжын

Хадэм, хьэсэм, губгъуэхэм, жыг хадэхэм зэран къахьу, куэду къыщокӀ. Псом хуэмыдэу бажэкӀэм зыщеубгъу пщӀэгъуэ зэманым удзыжьхэм зэщӀащтэ нартыху, дыгъэгъазэ, гыныплъ хьэсэхэм.

Къэгъэщхьэпэгъуэр

зэгъэзэхуэжын

БажэкӀэр Ӏэщым фӀыуэ яшх, мэкъуи пыбупщӀ хъуну. Мы лӀэужьыгъуэм и цӀэджэгъу Ӏэрысу Африкэм и тропикхэм къикӀауэ хьэцэпэцэу хасэр къэрал бжыгъэхэм.


Хьэкъун Б. Адыгэ къэкӀыгъэцӀэхэр. ТхылътедзапӀэ «Элбрус». Налшыч 1992 гъ.

  NODES
languages 1
Note 1