Къазахъстэн
Къэзахъстэн (къаз-бз. Қазақстан Республикасы, урбз. Республика Казахстан) — Азиэм хэт къэрал. Къалэ нэхъышъхьэр Astana.
Къазахъстэн къаз-бз. Қазақстан Республикасы урбз. Республика Казахстан | |||||
| |||||
Къэрал уэрэд: «Менің Қазақстаным» ( едэӀун (info)) | |||||
Хуитыныгъэм и махуэ | 1991 гъэм дыгъэгъазэм и 16 (зхэкӀар РССЗ) | ||||
Нэхъышъхьэбзэхэр | къазах-бз, ур-бз | ||||
Къалэ нэхъышъхьэр | Astana | ||||
Къалэ нэхъ инхэр | Almaty, Astana, Karaganda, Шымкент | ||||
ӀэнатӀэ хабзэр | Президент республикэ | ||||
Президентыр Премиер министрыр |
Касым-Жомарт Токаев Алихан Смаилов | ||||
ШӀыпӀэр • Псори |
9-нэ дунем 2 724 900 км² | ||||
Къэралым и джылэр • ЗэралъытэмкӀэ (2016) • Ӏувагъыр |
17 987 736 млн. цӀыху (64-нэ) 6,5 цӀыху/км² | ||||
ВКӀуП • КъыхэкӀыр (2009) • Зы цӀыхум къытехуэр |
$182,044 млрд. (53-нэ) $11,563 | ||||
Сомыр (Валутэр) | къазахъстэн тенге (KZT, код 82) | ||||
Интернет-доменхэр | .kk | ||||
Телефон кодыр | +7 | ||||
Зэманыгъуэхэр | +5, +6 | ||||
Къазахъстэн Уикисурэтылъэм |
Хэкумэтхыр
зэгъэзэхуэжынКъазахъстэныр Азиэ Курытым хэт. И гъунапкъэхэр здыӀухьэхэр: ишъхъэрэмкӀэ — Урысей Федерациэм, къуэкӀыпӀэмкӀэ — ДжРК-м, ипшъэмкӀэ — Къыргъызстэным, Узбэчстэным, Тыркумэнстэным, къуэхьэпӀэмкӀэ Каспий хым и Ӏуфэм хуозэ.
Къэралым и инагъыр 2 724 900 км² мэхъур.
Къэралым и шӀыпӀэм и нэхъыбэр пшахъуалэхэм яубыд (44 %), губгъуэхэм 26% яубыд, мэзхэм 5,5 %.
Къэралым и климэтыр щыуэӀу континенталу щыт. ЩӀышылэм и курыт температурэр −19 °C кӀэдзауэ −2 °C носыр, бадзэуэгъуэм +19 °C кӀэдзауэ +28 °C носыр.
Къэралым и псы нэхъ индыдэхэр: Иртыш ( абыми хэлъаду — Тоболрэ Ишимрэ), Урал, Эмба, Сырдариа, Или.
Тхыдэр
зэгъэзэхуэжынЦӀыхур Къазахъстэн и шӀыпӀэм иджыри ди лъэхъэнэм и пэм итӀысхьауэ щыта. Япэрей лъэжьыгъу къагъэсэбэпын кӀадзатэр куэш-былым зехуэкӀэ.
1465—1718 гъэхэм Къазахъ хъаныгъуэ щыӀа. XVII лъэхъэнэм Къазахъымрэ Джунгар хъаныгъуэхэмрэ зауэ язэхуакум дэлъа.
XVIII лъэхъэнэм иджырей Къазахъстэным и шӀыпӀэр Урысей империэм иубыдын кӀедзэ. Къэрал псор щиштэр XIX лэхъэнэм и кум.
Илъэс зытӀущ текӀауэ Жэпуэгъуэ револуциэм яуж 1920 гъэм Къыргъыз Республикэ Совет Социал Автоном яшъыр, 1925 гъэм Къазахъу и цӀэр зэрахъуэкӀ. И гъунапкъыхэр бжыгъэрэ зэрахъуэкӀауэ щыта.
1936 гъэм Къазахъ РССА-р Къазахъ РСС мэхъур, 1991 гъэм къыщыкӀэдзауэ Къазахъстэныр къэрал шъхьэхуит мэхъур.
Социальной обеспечение
зэгъэзэхуэжынУжъя министерствоез но калыклы социальной юрттэт шаерамы социальной обеспечение вылаз поно. Социальной дурбасьтонъя вуоно элемент системаын: кун пособиос; курегпуз питыръямы социальной страхованиея; пенсионное обеспечение; медицинской гарантияя юрттэт сётыны; анайлык но покчилык утён; кылдытон доры кариськиз дунтэк дышетон (огъя но профессиональной); социальной юрттэт. Дунтэк юрттэт быдӟалазы арысь 1-тӥ январе эмтодос кун 2020 модель пыӵатыны. Таӵе юрттэт сётӥськоз ваньмызлы граждан ортчыса, оралман гражданствотэк но иностранецъёс, казахстанын уло ялан.[1]
Джылэр
зэгъэзэхуэжынДжылэбжыгъэ 2009 гъэм ирагъэкӀуэкӀамкӀэ, къэралым дэсар 16 005 млн. цӀыху.
Къазахъстэн дэс лъэпкъхэр: | |||
---|---|---|---|
Лъэпкъыр | Бжыгъэр, цӀыхуу | % | Азиэ курытым лъэпкъ зэхэсыгъуэм я шӀыпӀэтхыпхъэ |
Къазахъхэр | 10 099 763 | 63,07 | |
Урысхэр | 3 793 764 | 23,70 | |
Узбэчхэр | 456 997 | 2,85 | |
Украинхэр | 333 031 | 2,08 | |
Уйгурхэр | 224 713 | 1,40 | |
Къэзанхэр | 204 229 | 1,28 | |
Джэрмэнхэр | 178 409 | 1,11 | |
Адрейхэр | 721 691 | 4,51 | |
Псори | 16 009 597 | 100 |
Къэрал зэхэтыкӀэр
зэгъэзэхуэжынКъазахъстэным и иджырей Конституциэр къыщыдагъэкӀар 1995 гъэм шышъхьэӀум и 30. Абым къызэрикӀымкӀэ Къазахъстэныр республикэ демократу щыт, президент ӀэнатӀэпӀашъхьэ зэрихьу.
Къэралым и тхьэмадэр — президент, джылэпсом илъэситхукӀэ хагъэкӀыу тетыр. Иджырей президентыр — Нурсултан Назарбаев.
ӀэнатӀэ нэхъыхьэр, хабзэ дэгъэкӀынымкӀэ — тӀуанэ парламент, нэхъышъхьэр — Сенат (47 пӀэуэ иӀу), тӀуанэр — Мажилис (107 пӀэуэ иӀу). Сенатым и депутатхэр къэралым и хэку къэс тхьэмадитӀу къыхагъэкӀхэр, Мажилисыр илъэситхукӀэ хагъэкӀ, тхылъ-пропорциэ системэмкӀэ.
Тхьэмадэгъуэр ӀэнатӀэ гъэзанкӀэнымкӀэ нэхъышъхьу щыт къэралым, президентым зэхегъэхьэхэ, конституциэм и хабзэм теухуауэ.
Экономикэр
зэгъэзэхуэжынКъазахъстэныр индустриэ-аграрнэ къэралу щыт. Экспортым и япэрей лэжьыгъу щытыр фатэгын, гушӀ кӀэлъыгъуэхэр.
2009 гъэм Дунейпсо фонд валутэмкӀэ къызэриӀохуамкӀэ, Къазахъстэным и ВКӀуПр зэрщытар $133,726 млрд (зы цӀыхум техуэр — $11 000).
Щэхуэнымк э илъэсбжыгъу зыпылъхэр: КъХуЗ къэралхэмрэ (Урысейри яхэту) Балтиэхэмрэ, АШЗ, Джэрмэн, Тырку, Китай, пэмыкӀхэр джоуэ.
ШӀым ирикӀуэ гъогу-магистралхэм я кӀыхьагъыр 106 мин км. мэхъур Абыхэм 13,5 мину — гушӀгъогу, 87,4 мину — аутомагистрал, миниплӀу — псыгъогу.
АдминистрациэмкӀэ гуэчыгъуэр
зэгъэзэхуэжынКъазахъстэныр унитар къэралу щыт, администрациэкӀэ хэку 14 мэгуэчыр. Абым пэмыкӀыу къалит шъхьэхуит хэку щытхэ — Алматырэ, Астана Байконуррэ.
Дзэр
зэгъэзэхуэжын1992 гъэм накъыгъэм и 7-м президентым и унафэмкӀэ дзэр зэхагъэхьа. Дзэр зэрзэхэкӀыр: ШӀызекӀуэ, Уэгузауэдзэ, Хыдзэ джоуэ. Дзэ зэхэтыкӀэм а псом щымыхъукӀэ Республикэ гуардиэри хохьэ.
Дзэм и бжыгъэм къэӀохугъуэ ираткъым.
Сурэтылъэ
зэгъэзэхуэжынТехьэпӀэхэр
зэгъэзэхуэжын- Къазахъстэным и президентым и сайт (къаз.) (урыс.) (индж.)
- ӀухьэпӀэ, Къазахъстэн республикэм и электронэ Тхьэмадэгъуэм (къаз.) (урыс.) (индж.)
- Къазахъстэным и Тхьэмадэгъуэм и сайт (къаз.) (урыс.) (индж.)
- Къазахъстэным и Парламентым и сайт (къаз.) (урыс.) (индж.)
- Къазахъстэн Республикэм и ХабзэдэгъэкӀ (урыс.)
- Къазахъстэным и официал статистикэр (къаз.) (урыс.) (индж.)
Гулъытыгъуэ
зэгъэзэхуэжынМыр тхыгъэ нэмгъэсащ хэкумэтхымкӀэ. Проектым удэӀэпыкъуфынущ, бгъэтэрэзу нэхъыбэ иптхэм. Мы псалъашъхьэр зэфӀэкӀыгъуэфкӀэ нэхъ тэрэзымкӀэ зэхъукӀын хуэй. |