АДЫГЭБЗЭ (КЪЭБЭРДЕЙ-ШЭРДЖЭСЫБЗЭ)

ПСАЛЪЭ ЛЪЭПКЪЫГЪУЭ: ЩЫӀЭЦӀЭ

ЭТИМОЛОГИЕ

КЪЭПСЭЛЪЫКӀЭ

  • IPA ['qʹχʷɑ:fɐ]

ПСАЛЪЭ ЛЪАБЖЬЭ

  • [кхъу] + -а + [ф] + -э

СКЛОНЕНЭ

Закъуэ бжыгъэ Куэд бжыгъэ
Мыбелджылы Белджылы Мыбелджылы Белджылы
Именительнэ: кхъуафэ кхъуафэр -- кхъуафэхэр
Эргативнэ: кхъуафэ кхъуафэм -- кхъуафэхэм
Послеложнэ: кхъуафэкӀэ кхъуафэмкӀэ кхъуафэхэкӀэ кхъуафэхэмкӀэ
Обстоятельственнэ: кхъуафэу кхъуафэрауэ кхъуафэхэу кхъуафэхэрауэ

МЫХЬЭНЭ

  1. Кхъуэм и фэ.

ЩАПХЪЭХЭР

  • Кхъуафэ шырыкъу зыщыгъхэр къуакӀэм къызэрыдох. ӀуэрыӀуатэ, фольклор

ПСАЛЪЭ ЗЭПХАХЭР

НЭГЪУЭЩӀЫБЗЭКӀЭ ЗЭДЗЭКӀАХЭР

ИНДЖЫЛЫБЗЭ
  • кхъуафэ: pigskin
УРЫСЫБЗЭ
  • кхъуафэ: свиная кожа

БИБЛИОГРАФИЕ

Библиографием еплъын

АДЫГЭБЗЭ (КЪЭБЭРДЕЙ-ШЭРДЖЭСЫБЗЭ)

ПСАЛЪЭ ЛЪЭПКЪЫГЪУЭ: ЩЫӀЭЦӀЭ

ЭТИМОЛОГИЕ

КЪЭПСЭЛЪЫКӀЭ

  • IPA ['qʹχʷɑ:fɐ]

ПСАЛЪЭ ЛЪАБЖЬЭ

  • [кхъу] + -а + [ф] + -э

СКЛОНЕНЭ

Закъуэ бжыгъэ Куэд бжыгъэ
Мыбелджылы Белджылы Мыбелджылы Белджылы
Именительнэ: кхъуафэ кхъуафэр -- кхъуафэхэр
Эргативнэ: кхъуафэ кхъуафэм -- кхъуафэхэм
Послеложнэ: кхъуафэкӀэ кхъуафэмкӀэ кхъуафэхэкӀэ кхъуафэхэмкӀэ
Обстоятельственнэ: кхъуафэу кхъуафэрауэ кхъуафэхэу кхъуафэхэрауэ

МЫХЬЭНЭ

  1. Псы щӀыӀум зэрыщызекӀуэхэм ящыщу нэхъ цӀыкӀу дыдэ.

ЩАПХЪЭХЭР

  • Хым тет кхъуафэу щӀыр мэхъей ЩоджэнцӀыкӀу Ӏэдэм

ПСАЛЪЭ ЗЭПХАХЭР

НЭГЪУЭЩӀЫБЗЭКӀЭ ЗЭДЗЭКӀАХЭР

ИНДЖЫЛЫБЗЭ
  • кхъуафэ: small boat
УРЫСЫБЗЭ
  • кхъуафэ: лодка, челнок

БИБЛИОГРАФИЕ

Библиографием еплъын

АДЫГЭБЗЭ (КЪЭБЭРДЕЙ-ШЭРДЖЭСЫБЗЭ)

ПСАЛЪЭ ЛЪЭПКЪЫГЪУЭ: ЩЫӀЭЦӀЭ

ЭТИМОЛОГИЕ

КЪЭПСЭЛЪЫКӀЭ

  • IPA ['qʹχʷɑ:fɐ]

ПСАЛЪЭ ЛЪАБЖЬЭ

  • [кхъу] + -а + [ф] + -э

СКЛОНЕНЭ

Закъуэ бжыгъэ Куэд бжыгъэ
Мыбелджылы Белджылы Мыбелджылы Белджылы
Именительнэ: кхъуафэ кхъуафэр -- кхъуафэхэр
Эргативнэ: кхъуафэ кхъуафэм -- кхъуафэхэм
Послеложнэ: кхъуафэкӀэ кхъуафэмкӀэ кхъуафэхэкӀэ кхъуафэхэмкӀэ
Обстоятельственнэ: кхъуафэу кхъуафэрауэ кхъуафэхэу кхъуафэхэрауэ

МЫХЬЭНЭ

  1. КӀыхьу дэха пхъэм е пхъэбгъу зэкӀэрыӀулӀам къыхэщӀыкӀа Ӏэмэпсымэ.
  2. Пхъэ ентӀыр къиӀущӀыкӀауэ е пхъэбгъу зэӀулӀауэ щӀа кумбыгъэ (унэ псэущхьэхэр псы ирырагъафэу, ирырагъашхэу къагъэсэбэп), хьэкхъуафэ.

ЩАПХЪЭХЭР

  • Щхьэлыпсыр кхъуафэм ирожэри, шэрхъым толъадэ. ӀуэрыӀуатэ, фольклор
  • ШкӀэщым схьыри кхъуафэ зэв цӀыкӀум шкӀэхэм шыгъу яхудэскӀутащ. ХьэхъупащӀэ Амырхъан

ПСАЛЪЭ ЗЭПХАХЭР

НЭГЪУЭЩӀЫБЗЭКӀЭ ЗЭДЗЭКӀАХЭР

ИНДЖЫЛЫБЗЭ
  • кхъуафэ: 1. chute, flume, gutter, duct, shoot, trough 2. trough, feeder, feedbox, manger
УРЫСЫБЗЭ
  • кхъуафэ: 1. жёлоб 2. колода, корыто; ясли

БИБЛИОГРАФИЕ

Библиографием еплъын

  NODES